Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым щыIащ Сыбырым къикIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр
Бадзэуэгъуэм икухэм Псыхуабэ епархием и хьэщIащ Канскэ епархием (Красноярскэ митрополием) къикIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэм епархием и щоджэн нэхъыжь Пермяков Владимир я пашэу. Сыбырым щыпсэухэр япэу Кавказым и лъапIэныгъэхэм щыIащ. Къызэрарагъэблэгъам папщIэ хьэщIэхэм тхыгъэ къагъэнащ:
«Мы гъуэгум дыщытехьэм дэркIэ унэтIыныгъэщIэ къызэIутхащ. Гъуэгуанэм дыкъыщытеувэжым жэуаплыныгъэ зыхь лэжьэгъухэр, экскурсовод Iэзэ, ныбжьэгъу гуапэхэр диIэ хъуащ!
Псыхуабэ, Черкесск епархием и лъапIэныгъэхэм зыщыдгъэгъуэзащ, епархием и щоджэн нэхъыжь Гермоген, Георгиевскэ цIыхубз къулъшырыф ЕссэнтIыгу щыIэм и унафэщI игумение Варварэ депсэлъащ. Четверодневный Лазар и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI Яковенкэ Илья гуапэу къытIущIащ, тхьэмахуэ литургие тхьэлъэIум дыздыхэтащ.
Ахэр псори дэркIэ гукъинэжщ. КъыдэмыхъулIауэ къэнар – Щихънагъ Феофилакт дызэрыIумыщIарщ, зи гуапагъ куэд зэхэтхар! ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ делъэIуныр къызэрызэригъэпэщам, автобус абы щхьэкIэ къыэрищэхуам папщIэ фIыщIэ худощI, етIанэгъэ бадзэуэгъуэм дыкъыщыкIуэкIэ дыIущIэну дыщогугъыр», - итхащ Кан епархием и «Здравие» IуэхущIапIэм и унафэщI Ретинская Наталья.
Просмотров: 1766