IутIыж флористикэ курсым фыдогъэблагъэ
Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ 2021 гъэм гъатхэпэм и 29-м щыщIэдзауэ мэлыжьыхьым и 2 пщIондэ Псыхуабэ епархием и ЩIалэгъуалэ центрым члисэ флористикэ курсхэр щрагъэкIуэкIынущ, Христос и IутIыжым ирихьэлIэу.
Дерсхэр ирагъэкIуэкIынущ Краснодар къалэм и @univerbazin Университетым и егъэджакIуэхэм.
Курсхэм я программэм хохьэ шэху уэздыгъэщIэтхэр, тхьэнапэхэр, Плащаницэр, жорыр, купелыр, IутIыж шэху уэздыгъищыр гъэдэхэныр.
Курсыр къэзыуххэм «Чристэн флористикэм и лъабжьэхэр» щIэныгъэмкIэ сертификат къратынущ.
ЕкIуэлIапIэм кIуэхэмрэ фIэщхъуныгъэ зиIэхэмрэ фыдогъэблагъэ, члисэр езыгъэфIэкIуэну гукъыдэж зиIэхэр!
УпщIэ зиIэхэр фыпсалъэ хъунущ мы телефонымкIэ: 8 (999) 379-24-69, nastiabram@yandex.ru – Абрамовэ Анастасия.
Просмотров: 1035