Члисэ зэхуэхьэсам умэхъын щащIащ сабий унэм и гъэсэнхэр

2019 гъэм фокIадэм и 21-м Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам умэхъын щащIащ Усть-Джегуты къалэм и Московскэ хьэблэм и Сабий унэм и гъэсэниплI. Умэхъын ящIыным и пэ къихуэу чристэн фIэщхъуныгъэм и лъабжьэм, къапэщылъ щэхухэм тепсэлъыхьащ. Сабийхэм я жор адэ-анэ хъуащ члисэ зэхуэхьэсам я волонтёрхэр. Умэхъын ящIа нэужь члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн нэхъыжь Кузнецов Сергий сабийхэм тыгъэ яхуищIащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм яархиепископ Феофилакт. Махуэшхуэр IэнэкIэ зэхуащIыжащ.

Просмотров: 2527

Поделиться

VK:39834