Чристэн выставкэхэм кIуа ныбжьыщIэхэм иппотерапиемкIэ центрым ишхэм тесу къажыхьащ

2019 гъэм фокIадэм и 15-м епархием иппотерапиемкIэ и «Целебный Ессентуки» центрым «Благословенный Кавказ», «Радость слова» чристэн гъэлъэгъуэныгъэхэм екIуалIэ ныбжьыщIэхэм папщIэ ЕссэнтIыгу къалэм и Театр утым шыкIэ защригъэплъыхьащ. Шым тесу къэжыхьыныр дэтхэнэ зы сабийми фIэфIщ, языныкъуэхэм я дежкIэ ар хущхъуэщ.

Иппотерапиер неврологхэми психологхэми къагъэсэбэп. Иппотерапие Iэмалым узыншагъэр ирегъэфIакIуэ, сабийхэм щеIэзэкIэ, ДЦП, аутизм, нэгъуэщI узыфэ зыпкъырытхэм. Абы топсэлъыхь «Благословенный Кавказ» выставкэм и блыным, «Целебный Ессентуки» центрым теухуам.

Бэзэрым щызэхуахьэсыну ахъшэм щыщ хухахынущ иппотерапиемкIэ центрым.

Просмотров: 2095

Поделиться

VK:39834