Щоджэныр цыджанхэм я зэгухьэныгъэм хутепсэлъыхьащ умэхъын щIыным и щэхухэм
2019 гъэм накъыгъэм и 19-м щоджэн Гурин Александр Черкесск и цыджан зэгухьэныгъэм епсэлъылIащ. Къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам щекIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ умэхъын щIыным и щэхухэм. Щоджэныр щэхухэм, жор адэ-анэхэм я къалэнхэм къытеувыIащ икIи цыджан сабий 13-рэ, балигъи 3-рэ умэхъын ищIащ. ДызыхуэкIуэ зэман гъунэгъум зэгухьэныгъэр члисэм екIуалIэнущ гуэныхьхэр иIуэтэжын, Христос и щэхухэм зыхигъэгъуэзэн папщIэ.
Просмотров: 3007