Саугъэт щитIым щIигъу иратащ гуапагъэ зыщIэ шыпхъухэм
Тхьэмахуэ нэхум и махуэхэм щихъ Лукэ и цIэр зезыхьэ сымаджэщ члисэм гуапагъэ щызыщIэ шыпхъухэм унафэщI щоджэн Видяпин Александр и гъусэу архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI IутIыж саугъэтхэр ягуэшащ. Ахэр лъагъэсащ Псыхуабэ и сабий, сымаджэщ нэхъыщхьэм зи узыншагъэр щезыгъэфIакIуэхэм, сабий ныкъуэдыкъуэхэмрэ зеиншэхэмрэ, онкологие диспансерым щыIэхэм, травматологиемрэ хирургиемкIэ къудамэхэм. Шыпхъухэм ягъэхьэзыра куличхэр сымаджэщым щIэлъхэм хуагуэшащ. IутIыж шхыныгъуэхэр цIыху 200-м щIигъум ялъысащ.
Просмотров: 545