Cтаницэм и библиотекэм щрагъэкIуэкIащ чристэн тхылъым теухуа дерс
Котляревскэ станицэм и библиотекэм щрагъэкIуэкIащ чристэн тхылъым и махуэм теухуа дерс. Ар къызэрагъэпэщащ щэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэхэм, къэзакъ зэгухьэныгъэхэм, Тхьэм и Анэм и Покров члисэм. Дерсым хыхьэу еджакIуэхэм зыхагъэгъуэзащ Урысейм тхылъ зэрыщытрадзэм, тхылъыжьхэм зыхагъэгъуэзащ, библиотекэм хуэсакъыу щахъумэхэм, тхьэлъэIу тхылъхэмрэ Библиемрэ теухуа куэд къащIащ. Дерсыр щиухым ныбжьыщIэхэм члисэславяныбзэ алыфбейр тхылъымпIэм тратхащ.
Просмотров: 2378