Минераловодскэ округым и школхэм тыгъэ хуащIащ ОПК-мкIэ тхылъищэ

2018-2019 гъэ еджэгъуэм Минераловодскэ къалэ округым и школхэм адэ- анэхэм я бынхэм папщIэ къыхахащ «Чристэн щэнхабзэм и лъабжьэхэр» дерсыр. Гъэ еджэгъуэ кIуам и кIэуххэм унагъуэ 785-м а дерсыр къыхахащ, фокIадэм ирихьэлIэу абы и бжыгъэр иджыри 245-кIэ хэхъуащ, Минераловодскэ къалэ округым егъэджэныгъэмкIэ и Управленэмрэ Псыхуабэ, Черкесск епархием и Минераловодскэ члисэ округымрэ я фIыгъэкIэ.
Благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексей, благочиннэм и дэIэпыкъуэгъу щоджэн Поддубный Михаил сымэ тхылъхэр къэщэхунымкIэ зыкъыщIагъэкъуащ. Тхылъищэ школым тыгъэ къыхуащIащ, 4 классым щIэсхэм ящыщу ОПК дерсыр зыджхэм я бжыгъэр щыхэхъуам.

Просмотров: 2288

Поделиться

VK:39834