Епархием и лIыкIуэр жылагъуэм яхутепсэлъыхьащ тезыр зрагъэпшынхэм я къулыкъум
Мы махуэхэм Ставропольем щекIуэкIащ Ставропольем и Славян зэгухьэныгъэм президент грантхэр и дэIэпыкъуэгъуу игъэзащIэ «Россия – страна равных возможностей» проектым и зи чэзу зэIущIэр. 2017 гъэм къыщыщIэдзауэ жылагъуэм щыщхэм зэIущIэхэр ирагъэIкуэкIащ. Абыхэм хыхьэу тезыр зрагъэпшын гражданхэм я хуитыныгъэр зэрагъэзащIэм къытеувыIащ. Псыхуабэ епархием и лIыкIуэу зэпсэлъэныгъэм хэтащ щоджэн нэхъыжь Бондарчук Андрей. Ар тепсэлъыхьащ Псыхуабэ епархием тезыр зрагъэпшынхэм я къулыкъум, тутмакъхэм члисэ ухуэныгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIым, тезыр зрагъэпшынхэм я нэIэ зэрытрагъэтым нэхъ зыубгъуауэ къытеувыIэу. ЗэIущIэм хэтхэр апхуэдэу щыхэплъащ жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэ комиссэм хагъэхьэнухэр къызэрыхахынум.
Просмотров: 2072