Архиепископ Феофилакт автомобиль тыгъэ хуищIащ Анэхэм папщIэ унэм
2018 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт епархием и «Анэхэм папщIэ унэ» кризис центрым и унафэщI Рубец Ларисэ автомобилыщIэм и IункIыбзэIухыр иритащ. «Си ныбжьэгъум сыхуэарэзыщ. Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид фIыщIэ худощI ди социальнэ проектыр къызэрыддиIыгъам папщIэ. Рашид сыт щыгъуи псапащIэ Iуэхухэм гулъытэ хуещI. Иджырей къэхъугъэри абы и щапхъэщ», - жиIащ Пастыр нэхъыщхьэм. Епархием и кризис IуэхущIапIэм сыт щыгъуи и нэIэм щIэтщ бзылъхугъэ 60. Абы ящыщщ Кавказым и Минводы, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэри. Автомобилыр Анэхэм папщIэ унэр хуэныкъуэщ, анэхэмрэ я бынхэмрэ IэщIагъэлIхэм я деж яшэн папщIэ, хуэныкъуэхэм щыдэIэпыкъукIэ.
Просмотров: 4115