Щоджэным тутнакъэщым и библиотекэм тыгъэ хуищIащ чристэн литературэхэр
Мы махуэхэм жылагъуэ къэпщытэныгъэм хыхьэу Урысей МВД-м Железноводск къалэм щиIэ и Жылагъуэ советым и унафэщI, къалэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн Бондарчук Андрей щыIащ тутнакъэщым. Щоджэным IуэхущIапIэм и библиотекэм тыгъэ хуищIащ члисэ библиотекэм и фондым хухаха тхылъхэмрэ журналхэмрэ.
УнафэщIым гугъэ ищIащ апхуэдэ псэкупсэ гъэсэныгъэм мыхьэнэ иIэу, хабзэр къызэпызыудхэр нэхъ мащIэ хъуну, абы и фIыгъэкIэ ахэр гъуэгу занщIэм техьэжыну. «Гупыж зыщIа псори щоджэным IущIэфынукъым е члисэм екIуэлIэфынукъым, чристэн литературэ еджэну дэтхэнэ зыми дапщэщи гупыж ищIыфынущ. Псом хуэмыдэу щытыкIэ гугъу щихуэхэм деж», - къыхигъэщащ щоджэным.
Просмотров: 2326