«Маруха 2017» щIалэгъуалэ зэхуэсым хэтащ Луганскэ, Донецкэ областхэм ящыщхэр
Къэрэшей-Шэрджэсым и Маруха къуажэм гъэ къэс щрагъэкIуэкI «Маруха 2017» щIалэгъуалэ зэхуэсыр 2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м ирагъэжьащ. Абы кърихьэлIахэм фIэхъус ирахащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений, Зеленчукскэ район администрацэм и Iуэхухэр зезыгъакIуэ Кагиевэ Фотиниерэ Маруха къуажэм и Къэзан члисэм и унафэщI иеромонах Александррэ (Емельянов).
Мы гъэм зэхуэсым кърихьэлIащ Луганскэ, Донецкэ областхэм щыщ цIыху 63-рэ, Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Ставрополь краймрэ къикIауэ 30. Сабийхэм я адэ- анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ ящIыгъуу къэкIуащ. Зэхыхьэр къыщызэIуахым хьэщIэхэм псалъэ гуапэхэр жаIащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт хуэгъэзауэ, Маруха зэхуэсым щызэпсэлъэну Iэмал къазэрыритам папщIэ.
Зэхуэсым и программэм хыхьэу щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ тхьэлъэIухэм, творческэ пшыхьхэм хэтащ, бгым дэкIащ, КъШР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Кузнецов Николай пейзажхэр щIынымкIэ мастер-класс итащ.
Зэхуэсым и къалэн нэхъыщхьэу къонэж зэныбжьэгъухэр, щоджэнхэр, цIыху гъэщIэгъуэнхэр зэпсэлъылIэныр, зым и хабзэхэм адрейхэм зыхагъэгъуэзэныр.
Программэр шыщхьэуIум и 2-м зэхуащIыжынущ Архыз Ищхъэрэ кIуэнурэ икIи щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт и гъусэу Ильинскэ члисэм щекIуэкIыну тхьэлъэIу
литургием хэтынущ.
Просмотров: 4982