Егъэджэныгъэм зегъэужьынымкӏэ Ставрополь крайм и институтым щекӏуэкӏащ «Егъэджакӏуэм и цӏыхугъэ лӏыгъэм папщӏэ» Урысейпсо зэпеуэм теухуа семинар.
Зэӏущӏэм хэтащ Пятигорск епархием дин егъэджэныгъэмрэ катехизацэмкӏэ и къудамэм и унафэщӏ протоиерей Фаустов Константинрэ епархием и щӏыналъэм щыӏэ егъэджэныгъэ зэгухьэныгъэхэм я егъэджакӏуэхэмрэ.
Семинарыр къызэӏуахащ институтым и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащӏэ Новиковэ О., Урыс Чристэн Члисэм дин егъэджэныгъэмрэ катехизацэмкӏэ и Синод къудамэм и зэпеуэхэм я ӏэнатӏэм и унафэщӏ трифон иеромонах (Умалатов) сымэ.
Зэхыхьэм хэтхэм 2026 гъэм екӏуэкӏа зэпеуэм и щӏыналъэ ӏыхьэм кърикӏуахэр зэхалъхьэжащ икӏи 2027 гъэм екӏуэкӏа зэпеуэм зэрызыхуагъэхьэзырым тепсэлъыхьащ. Ахэр хэплъащ лэжьыгъэхэр щагъэхьэзыркӏэ щыуагъэшхуэхэм, абыхэм я купщӏэм, я ухуэкӏэм, я гъэпсыкӏэм къигъэувхэм.
Гулъытэ хэха хуащӏащ егъэджакӏуэхэм зэпеуэ проектхэр ягъэхьэзырынымкӏэ сэбэп хъуну практикэ советхэм.
Пятигорск епархием дин егъэджэныгъэмрэ катехизацэмкӏэ и къудамэм къыӏэрыхьа тхыгъэхэр къегъэсэбэп 2027 гъэм зэпеуэм хэтыну зи мурад егъэджакӏуэхэм ечэнджэщын папщӏэ.