2024 гъэм накъыгъэм и 8-м, тхьэмахуэ нэхум и бэрэжьейм, члисэм и пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм и тхьэлъэIу литургиер Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшрыфым и игумен корпус Тхьэм и Анэм и «Не рыдай Мене, Мати» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэм щригъэкIуэкIащ къулъшырыфым и щоджэнархимандрит, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и щоджэнхэмрэ къулъшырыфым щыIэхэмрэ епархием и Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ цIыхубз къулъшырыфхэм я игумениехэр, къулъшырыфым щыIэхэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр. Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.
Зэхыхьэ нэужьым тхьэлъэIум хэтхэм махуэшхуэ Iэнэ хуагъэуващ икIи IутIыж шхыныгъуэхэр хуагуэшащ. Апхуэдэу къулъшырыфым и щоджэнархимандритым яухуэ Успенскэ соборым защригъэплъыхьащ.