ЩОДЖЭНХЭР ЛЪЭIУАЩ АРХЫЗ ЛИКЫМ И ДЭКIУЕИПIЭР ЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖЫНЫМКIЭ КЪАДЭIЭПЫКЪУНУ

17.04.2024
Просмотры: 665

КъШР-м и Зеленчукскэ муниципальнэ щIыналъэм и администрацэм щекIуэкIащ Пятигорск епархием и Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс екIуэлIапIэм и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгенийрэ щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Шайдаров Александррэ я зэIущIэ.

Благочиннэм Александр иригъэцIыхуащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Архыз Ищхъэрэм КъегъэлакIуэмрэ бегъымбар Ильярэ я цIэр зезыхьэ члисэхэм я унафэщI къулыкъур зыхуигъэфэща иеромонах Елевферий (Казаков).

Щоджэнхэм щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм зыхуагъэзащ МыIэрыщI теплъэм и дэкIуеипIэр зыхуей хуагъэзэжынымкIэ.

 

665