УНАФЭЩIЫМ ЕДЖАКIУЭХЭМ ПАПЩIЭ ЭКСКУРСИЕ ИРИГЪЭКIУЭКIАЩ

16.04.2024
Просмотры: 412

Исправнэ станицэм и Михайловскэ члисэм и унафэщI щоджэн Якушев Александр экскурсие иригъэкIуэкIащ станицэм и школым и еджакIуэхэм папщIэ. Дерсыр траухуащ архитектурэм, чристэн члисэм щызэрахьэ хьэпшыпхэм.

Щоджэным еджакIуэхэр хигъэгъуэзащ чристэн члисэм и архитектурэ щхьэхуэныгъэхэм. Сабийхэр уэзджынэ уапIэм щыIащ, Исправнэ станицэм и члисэм и тхыдэм зыхагъэгъуэзащ.

412