КИСЛОВОДСК щекIуэкIащ благочинием и щоджэнхэм я зэхуэсрэ гуэныхьхэр щаIуэтэжрэ

29.03.2024
Просмотры: 684

Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и Крестовоздвиженскэ члисэм 2024 гъэм гъатхэпэм и 27-м, нэщI Иным и етIуанэ тхьэмахуэм и бэрэжьейм, Пятигорск епархием и Кисловодск округым и щоджэнхэм я зэхыхьэрэ гуэныхьхэр щаIуэтэж къулыкъурэ щызэхэтащ. Къулыкъур иригъэкIуэкIащ благочинием и щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермоген.   

Гуэныхьхэр иIуэтэжыным и пэ къихуэу Гермоген къытеувыIащ Чристэн махуэшхуэм. Абы ягу къигъэкIыжащ гуапагъэ псом я щхьэр тхьэлъэIур ару зэрыщытыр, я лъабжьэр – нэщIыр зэрыарар икIи къыхуриджащ гуэныхьхэр яIуэтэжыну.

  Гуэныхьхэр яIуэтэжа нэужь, щоджэнхэм тхьэлъэIу къулыкъу ирагъэкIуэкIащ Красногорск терактым щыхэкIуэдахэм, дзэ Iуэху хэхам хыхьэу зи Хэкум зи псэ щIэзыта зауэлIхэм я псэр зэгъэну. Щоджэнхэм Литургие ирагъэкIуэкIащ. Ар щиухым пастырхэм я зэIущIэ зэхэтащ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн я пашэу.

Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ екIуэлIапIэм и гъащIэм, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я  унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъунри хыхьэу. Зэхыхьэм хэтхэр хэплъащ Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэмрэ гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжахэмрэ я фэеплъыр мыгъэкIуэдыжыным теухуа еплъыкIэхэм, унагъуэм, абы и ехъулIэныгъэм теухуа тхьэлъэIу егъэкIуэкIыным, щоджэнхэр епархием и пастыр конференцэм зэрыхэтынуми къытеувыIащ.

 

 

684