ЧЕРКЕССК еджакIуэхэм щепсэлъащ нэщIым теухуауэ

24.03.2024
Просмотры: 662

Черкесск къалэм нэщI Иным и япэ махуэхэм щоджэнхэр Черкесск къалэм и еджакIуэхэм щепсэлъащ. НыбжьыщIэ 250-рэ – школ №6-м и класс 12-м щIэсхэр хэтащ Черкесск къалэм и чристэн, муслъымэн дин лэжьакIуэхэм я зэпсэлъэныгъэм. Нэхъыщхьэу зытепсэлъыхьар нэщIым пэжу узэрыбгъэдэтынырщ.

Черкесск къалэм и Никольскэ соборым и щоджэн Гурин Александр еджакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ нэщI Иным, абы фIэщхъуныгъэ зиIэхэм я дежкIэ и мыхьэнэм. Александр сабийхэр къыхуриджащ гуапагъэ ящIэну, духовнэ литературэ еджэну, гуэныхьхэм зыщахъумэну, адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ едэIуэну, апхуэдэу ягу къигъэкIыжащ зэпсэлъэну, Интернетым нэхъ мащIэрэ исыну.

Апхуэдэ зэпсэлъэныгъэхэр щекIуэкIащ Къэрэшей-Шэрджэсым Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым и студентхэм.

662