АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ

18.03.2024
Просмотры: 1010

 2024 гъэм гъатхэпэм и 17-м, гъэшхэкI щамышх тхьэмахуэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Пятигорск къалэм и Спасскэ кафедральнэ соборым. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ соборым и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ.

ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Литургием хыхьэу архиепископ Феофилакт къардэн къулыкъур хуигъэфэщащ Москва и духовнэ академием и магистратурэм и студент Субтельный Иван.

А махуэм и пщыхьэщхьэм Пастыр нэхъыщхьэм пщыхьэщхьэ тхьэлъэIумрэ гъэгъуныгъэ къулыкъумрэ Спасскэ кафедральнэ соборым щригъэкIуэкIащ. Щихънагъым щоджэнхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ къыхуагъэгъуну захуигъэзащ.

1010
Фотогалерея