Махуэшхуэм теухуа зэпсэлъэныгъэ щекIуэкIащ къуажэ клубым

16.03.2023
Просмотры: 1260

2023 гъэм гъатхэпэм и 14-м, Чристэн тхылъым и махуэм, Крупско-Ульяновскэ 
къуажэ клубым щекIуэкIащ Старопавловскэ станицэм и Никольскэ члисэм и унафэщI 
щоджэн Вологин Александррэ щIалэгъуалэмрэ я зэIущIэ. Апхуэдэу а зэхыхьэм хэтащ 
къуажэ клубым и унафэщI Михайлов Денисрэ Старопавловскэ станицэм и курыт еджапIэ 
№9-м и унафэщIымрэ. Щоджэныр сабийхэм яхутепсэлъыхьащ Библием, иджырей чристэн 
литературэм. 
Клубым и унафэщIым лъапIэныгъэхэм теухуа зэпсэлъэныгъэ иригъэкIуэкIащ, 
чристэн фIэщхъуныгъэр и лъабжьэу. ЗэIущIэ нэужьым шей зэдефащ. 

 

1260
Фотогалерея