Архиепископ Феофилакт пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Харлампий и цIэр зезыхьэ члисэм

25.02.2023
Просмотры: 1643

2023 гъэм мазаем и 23-м, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Харлампий и 
фэеплъ махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу 
литургие щригъэкIуэкIащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчам и члисэ Порт-Артур 
щыIэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Минераловодскэ члисэ округым 
и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексийрэ къардэн нэхъыжь Кубэ 
Димитрийрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Шанхазаров Одиссей, 
къуажэдэсхэр, гъунэгъу къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къикIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ 
елъэIуну къэкIуахэр. Литургие нэужьым Щихънагъым Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд 
зрагъэшэча Харлампий игъэлъэпIащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ 
захуигъэзащ. 

 

1643
Фотогалерея