Архиепископ Феофилакт IутIыж зэхыхьэхэр щригъэкIуэкIащ Змейкэ къуажэм

05.05.2021
Просмотры: 3318

2021 гъэм накъыгъэм и 4-м, Тхьэм и Анэм и Иверскэ тхьэнапэр щагъэлъапIэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Змейкэ къуажэм и Иверскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Минераловодскэ члисэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къэзакъхэмрэ къуажэдэсхэмрэ. Литургие нэужьым щоджэнхэм зэгъусэ тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ.

3318
Фотогалерея