«Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм дэIэпыкъуэгъу хъухэм папщIэ нэкIуIупхъуэхэр щад

04.04.2020
Просмотры: 2899

Псыхуабэ епархием и «Анэхэм папщIэ унэ» кризис центрым мы махуэхэм волонтёрхэм щад щэкI нэкIуIупхъуэхэр. Псом япэу ахэр хуагуэшынущ езыр-езыру дэIэпыкъуэгъу хъуну гупыж зыщIахэм, унэм къыщIэнахэм хуэщхьэпэхэм. Адрей нэкIуIупхъуэхэр иратынущ хуэмыщIахэм, ахэр къащэхуну къызэхьэлъэкIхэм е зымыгъуэтхэм. «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм фрегъэблагъэ Iуэху гуапэм фыхэтыну. КМВ-м дэIэпыкъуэгъу хъухэм я линэ пщтырым фыпсалъэ: 8 919 756 93 11 е зыуэ щыт номерым: 8 800 300 58 90.

2899
Фотогалерея