Тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм къащIащ щоджэн-ветеранхэм ятеухуахэр

26.02.2020
Просмотры: 2367

Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэм Кисловодск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэр щызэхуэсащ екIуэлIапIэм и «Святыни земли родной» музейм. Школым и завуч Синявская Татьянэ къытеувыIащ щоджэн нэхъыжь Воронин Илиярэ монахиня Адрианрэ (Малышевэ) – кисловодскдэсхэмрэ Члисэм хэтхэмрэ, Хэку зауэшхуэм фIэщхъуныгъэр щызыхъумахэм. Музейм и гъэлъэгъуэныгъэм ныбжьыщIэхэр щеплъащ члисэ зэхуэхьэсам екIуалIэхэу зауэм дамыгъэхэр къыщызыхьахэм, сэлэт Илия и фэилъхьэгъуэхэр, фронтым къратхыкIа тхыгъэхэр, гильзэхэр. Сабийхэм совет каскэхэр нэмыцэ сэлэтхэм ейхэм ирагъэпщащ икIи красноармейцхэм я плащ-палаткэр зрагъэпщащ.

2367
Фотогалерея