Архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Михайловскэ члисэ зэхуэхьэсам зэхыхьэр щригъэкIуэкIащ

22.11.2019
Просмотры: 2875

2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 21-м, Тхьэм и Уэхьий Михаил и цIэр зезыхьэ Члисэ зэхуэхьэсам и махуэшхуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Михайловскэ члисэ зэхуэхьэсам пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ члисэ округым и щоджэнхэм члисэ зэхуэхьэсам и унафэщI, благочиннэ щоджэн нэхъыжь Дубинский Борис и пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум хэтащ къалэм щыпсэухэр. Литургие нэужьымрэ зэгъусэ тхьэлъэIумрэ иужькIэ Щихънагъым махуэшхуэ тхьэлъэIу ищIащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи Жорыр яритащ ба хуащIын папщIэ.

2875
Фотогалерея