Прохладнэ районым ягу къыщагъэкIыжащ хабзэхъумэ IэнатIэм щыхэкIуэда я лэжьэгъухэр

11.10.2019
Просмотры: 2053

КъБР-м и Прохладнэ районым и Солдатскэ станицэм фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ. Ар траухуащ хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрыр яубыдыну илъэс 15 и пэкIэ и ужь щитам. ЩIалэгъуалэмрэ районым и егъэджакIуэхэмрэ я пащхьэм къыщыпсэлъащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм, администрацэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэ, дин лэжьакIуэхэр. А къэхъугъэм къытрамыгъэзэжынырщ нэхъыбэу зытрагъэщIар щIалэгъуалэм щепсэлъылIэм, дунейпсо экстремизмым зыщахъумэнырщ. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ станицэм и Михайловскэ члисэм и унафэщI щоджэн Молдованов Евгений.

2053
Фотогалерея