Архитектурно-ухуэныгъэ комиссэр Минераловодскэ благочинием и члисэхэм щыIащ

21.05.2019
Просмотры: 2009

2019 гъэм накъыгъэм и 18-м Псыхуабэ епархием и архитектурно-ухуэныгъэ комиссэр щыIащ Минераловодскэ члисэ округым. Абы хэтащ ухуэныгъэмкIэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Бондарчук Андрей, Минераловодскэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий, благочиннэм ухуэныгъэмкIэ и дэIэпыкъуэгъу щоджэн Гайворонский Алексий, епархием и архитектор Чечин Олег. КъэпщытакIуэхэр щыIащ Минеральные Воды къалэм и Покров члисэ зэхуэхьэсам, Нагутскэ къуажэм и члисэ ухуэныгъэм, Ульяновкэ къуажэм Тхьэм и Анэм и цIэр зезыхьэ члисэм, Побегайловкэ къуажэм и Михайловскэ къуажэм, Александровскэ Ищхъэрэ къуажэм и члисэ ухуэныгъэм, Змейкэ къуажэм Тхьэм и Анэм и Иверскэ тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ и члисэм. Александровкэ Ищхъэрэ къуажэм къэпщытакIуэхэм чэнджэщ щатащ IуплъапIэхэм

иIэ къэчахэр зэрагъэпэщыжыну, блынхэм я щытыкIэр щIэх-щIэхыурэ къапщытэну. Побегайловкэ къуажэм къэпщытакIуэхэм къыщыхагъэщащ Минводы къалэм и Покров члисэм и росписыр зэрагъэкъэбзар, лэжьыгъэ зэфIагъэкIахэм я технологиер. Змейкэ къуажэм чэнджэщ щатащ Iэгъуэблагъэр зыхуей зэрыхуагъэзэжыну планыр ягъэхьэзырыну икIи ухуэныгъэ къудамэм ар щызэрагъэпэщыжыну.

2009
Фотогалерея