Архиепископ Феофилакт ЕссэнтIыгу литургие щригъэкIуэкIащ

12.05.2019
Просмотры: 2796

2019 гъэм накъыгъэм и 11-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ ЕссэнтIыгу къалэм и Троицкэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ ЕссэнтIыгу члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергей, члисэм и унафэщI щоджэн Букарев Андрей, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм къеджа нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Литургие нэужьым Пастыр нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Литургие нэужьым Пастыр нэхъыщхьэр екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъащ икIи тхьэлъэIум хэтахэм я гъусэу сурэт зытригъэхащ.

А махуэм и пщыхьэщхьэм архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. Щихънагъыр Тхьэ щелъэIуащ пщыхьэщхьэ тхьэлъэIум икIи ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм щыщ къыщеджащ.

2796
Фотогалерея