Гимназием и гъэсэнхэр хэтащ къалэм и хэкупсэ зэпеуэм

21.04.2019
Просмотры: 1923

2019 гъэм мэлыжьыхьым и 18-м Черкесск и Свято-Сергиевскэ гимназием и гъэсэнхэр я егъэджакIуэхэмрэ егъэджэныгъэмкIэ Центр №11-м и еджакIуэхэмрэ я гъусэу хэтащ «ТекIуэныгъэм и нып» къалэ зэхьэзэхуэм.

ТекIуэныгъэм и Бэракъыр – Хэку Зауэшхуэм совет цIыхубэр IэщэкIэ зэщIэузэда Къарухэм нацист Германием 1941-1945 гъэхэм зэрыщытекIуам и дамыгъэщ. ТекIуэныгъэм и махуэм и пэ къихуэу бэракъым къытращIыкIар яIыгъыу Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащхьэм и школхэм блах

Мэлыжьыхьым и 18-м ТекIуэныгъэм и дамыгъэм щыIущIащ школ №7-м и еджакIуэхэр, къыкIэлъыкIуэ махуэм абы щыпащащ школ №5-м. Гимназием и гъэсэнхэм зыкъыщагъэлъэгъуащ школпсо концертым усэ къыщеджэу, зауэм теухуа уэрэдхэр щыжаIэу.

1923
Фотогалерея