Благочиннэр къыщыпсэлъащ университетым и щIэныгъэ-практикэ семинарым

16.04.2019
Просмотры: 2297

2019 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м Алиев У. Д. и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым иригъэжьащ «Организационные формы работы с молодежью в поликультурной среде» щIэныгъэ-практикэ семинарым и лэжьыгъэр. "Школа гражданско-правового воспитания молодежи и лидеров общественного мнения" проектым хыхьэу зэхуэсыр йокIуэкI. Семинарым и лэжьыгъэр щыщIидзэм, хьэщIэхэм фIэхъускIэ захуигъэзащ Алиев У. Д. и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым и ректор Узденов Таусолтан. Абы доклад нэхъыщхьэр конференцэм щызыщIыну Дунейпсо муслъымэн псапащIэ Iуэхум и унафэщI ПщыхьэщIэ Шэфихь и цIэр къриIуащ икIи докладым и темэр – «Муслъымэн дуней тетыкIэм и лъабжьэр» къигъэнэIуащ.

Семинарыр къызэзыгъэпэщахэмрэ абы хэтхэмрэ фIэхъус щарихым, Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений гу лъаригъэтащ дуней тетыкIэм и хабзэ нэхъыщхьэхэм: «Дуней тетыкIэм и мыхьэнэр щызэпкъырыпхкIэ, щIалэгъуалэм ягурыгъэIуэн хуейщ а дуней тетыкIэр махуэ къэс и щытыкIэмкIэ зэрызэхэлъыр. Зеленчукскэ станицэм сикIыу Карачаевск къалэм сыщыкIуэм, нобэ машинэ зэжьэхэуищ срихьэлIащ, щхьэусыгъуэншэу гузехуэм и зэранкIэ къэхъуауэ. А машинэхэм исахэмрэ ахэр зезыгъакIуэхэмрэ къащыщIа фэбжьыр къэлъытэгъуейщ. Ди щытыкIэр ди IуэхущIафэхэмкIэщ къызэралъытэр, иужькIэ абы ди фэилъхьэгъуэхэмрэ ди шхыныгъуэхэмрэ я гуэдзэн мэхъу».

Семинарым хэтхэм я фIэхъус псалъэхэр Къэрэшей районымрэ Карачаевск къалэ округымрэ жэуап щызыхь имам Урусов Ахъмэт-хьэжы, граждан жылагъуэм зегъэужьынымкIэ «Открытый Кавказ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Къамбий Руслан, «Всероссийский межнациональный союз молодежи» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Хуртаев Къантемыр сымэ, нэгъуэщIхэри. Семинарым и лэжьыгъэр мэлыжьыхьым и 16-м мастер-класскIэ зэхуащIыжынущ.

2297
Фотогалерея