Черкесск Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчам дерс зэIухахэр траухуащ

01.04.2019
Просмотры: 2101

2019 гъэм гъатхэпэм и 31-м, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Флегинский Александр и фэеплъ махуэм, Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам дерс зэIухахэр щрагъэкIуэкIащ, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэм теухуауэ. Абы хэтащ члисэ зэхуэхьэсам и тхьэмахуэ школым и гуп нэхъыжьхэмрэ курытхэмрэ екIуалIэхэр. Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Гурин Александр къытеувыIащ щоджэныр щагъэса унагъуэм, Ставрополь Духовнэ семинарием зэрыщеджам, Красногорскэ станицэм 1885 гъэм щыщIэдзауэ 1908 гъэ пщIондэ къулыкъу зэрыщищIам, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Александр и псапэ Iуэхухэм, Ставрополь и члисэ-археологие зэгухьэныгъэм хуищIа зыужьыныгъэм, 1918 гъэм дунейм зэрехыжам.

2101
Фотогалерея