Черкесск щыIащ «Двуглавый орёл» зэгухьэныгъэм и унафэщIыр

19.02.2019
Просмотры: 2191

Мы махуэхэм Черкесск и Покровскэ члисэм зэIущIэ щекIуэкIащ, къэзакъхэм лъэпкъ гъэкIуэдыр къызэрыхуагъакIуэрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. Абы щызэхуэсащ властым и органым и лIыкIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, щоджэнхэр, къэзакъхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ епархием Члисэмрэ жылагъуэмрэ я зэхущытыкIэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Нартов Александр.

Зэхыхьэм и хьэщIащ урыс тхыдэ узэщIыныгъэмкIэ «Двуглавый орёл» зэгухьэныгъэм и унафэщI Решетников Леонид. Абы къызэхуэсахэм я пащхьэм щигъэлъэгъуащ «Русский Лемнос», «Вернуться в Россию» и тхылъхэр.

А махуэ дыдэм, республикэм и музей-заповедникым и гъэлъэгъуапIэ залым щекIуэкIа «Русский Лемнос» выставкэм хэтащ, къэзакъхэм я лъэпкъ гъэкIуэд гузэвэгъуэм траухуам. Абы мазаем и 25 хъуху феплъыну Iэмал фиIэщ.

2191
Фотогалерея