Архиепископ Феофилакт Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ

16.02.2019
Просмотры: 2483

2019 гъэм мазаем и 15-м, Сретения махуэшхуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ Налшык къалэм щихъ пэлъытэ Магдалинэ Марие и цIэр зезыхьэ и члисэ зэхуэхьэсам и Сретенскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм унафэщI, Налшык члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Литургие нэужьым Пастыр нэхъыщхьэм махуэшхуэр

игъэлъэпIащ, шэху уэздыгъэхэр игъэнэхуащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

Архиепископ Феофилакт республикэ пэкIум къыщыпсэлъащ, совет зауэлIхэр Афганистаным зэрырашыжрэ илъэс 30 щрикъум ирихьэлIэу. Налшык Афган зауэм и ветеранхэм я фэеплъым деж щызэхуэсащ Парламентымрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щыщхэр, ветеранхэр, щIалэгъуалэр.

«Нобэ дигу къыдогъэкIыж зауэлI-интернационалистхэр, илъэс 30 ипэкIэ Хэкум къэкIуэжахэр, мамырыгъэ къытхуэзыхьахэр. Нэхъыщхьэращи, зэныбжьэгъугъэм, лIыхъужьыгъэм я щапхъэ ди унагъуэхэм къахьащ. А гукъэкIыжхэмкIэ ди бынхэм илъэс 30-м нэблэгъауэ ядогуашэ… Дигу къэдгъэкIыжыху – дытекIуащ. А фэеплъыр щIэблэм деж нрахьэс. ПщIэ зыхуэтщI ди къуэшхэ, зауэлIхэ, Афган зауэм пхыкIахэ, ди щхьэр фхудогъэщхъ», - жиIащ Щихънагъым.

А махуэ дыдэм Пастыр нэхъыщхьэр IущIащ Урысей МВД-м Краснодар щиIэ университетым и къудамэм щIэсхэм. Архиепископ Феофилакт студентхэм я упщIэхэм жэуап иритащ, духовнэ гъащIэм теухуауэ

2483
Фотогалерея