Черкесск гимназием и гъэсэнхэм ветеранхэм я пащхьэм зыкъыщагъэлъэгъуащ

28.01.2019
Просмотры: 2330

2019 гъэм щIышылэм и 25-м Черкесск къалэм егъэджэныгъэмкIэ и центр №11-м, патриот, спорт, зыхъумэжыныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ мазэм хыхьэу, Хэку зауэшхуэм и ветеран Печуро Надеждэ IущIащ.

Ар ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ Черкесск къалэмрэ республикэмрэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIахыжам. Зэхыхьэм ягу къыщагъэкIыжащ Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэхэр, зауэм хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуэри ягу къагъэкIыжащ. Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъу еджакIуэхэм концерт ягъэхьэзыращ. Абы хэтащ Свято-Сергиевскэ гимназием и кадетхэр.

2330
Фотогалерея