Щоджэныр щыIащ жьы хъуахэм я интернатымрэ нэфхэм я зэгухьэныгъэмрэ

27.01.2019
Просмотры: 2452

2019 гъэм щIышылэм и 25-м, щихъ, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Татьянэ и фэеплъ махуэм, жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ я интернатым, нэфхэм я Урысейпсо зэгухьэныгъэм и къудамэр щIыгъуу, Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Гурин Александр IущIащ интернатым щыпсэухэмрэ нэфхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэмрэ.

Щихъ, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Татьянэ и фэеплъыр ягу къагъэкIыжащ фIэщхъуныгъэ зиIэхэм, Члисэм и щэхухэм зыхагъэгъуазэщ, гуэныхьхэр яIуэтэжри. Апхуэдэу псы гъэнэхуа тхьэлъэIум хэтащ. Щоджэныр яхутепсэлыъащ щихъ Татьянэ и гъащIэмрэ зэрихьа лIыгъэмрэ, Тхьэм и нэфI зыщыхуам щапхъэ трахыну къыхуриджащ псори. А махуэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм абы яритащ Благословенный Кавказ журнал епархием къыдигъэкIым 2018 гъэм и дыгъэгъазэ мазэр.

2452
Фотогалерея