Архиепископ Феофилакт игъэнэхуащ Кубаныпсыр

20.01.2019
Просмотры: 2684

2019 гъэм щIышылэм и 18-19-хэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт сочельник, Богоявления тхьэлъэIухэр иригъэкIуэкIащ.

ЩIышылэм и 18-м Пастыр нэхъыщхьэм Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. Архиепископ Феофилакт и гъусэу тхьэлъэIум хэтыну къызэхуэсащ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. Щихънагъыр Инджылым къеджащ, пщыхьэщхьэ, тхьэлъэIу литургиер иригъэкIуэкIащ, псыр игъэнэхуащ. Пастыр нэхъыщхьэм псыежэхыр игъэнэхуным и пэ къихуэу фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

А махуэ дыдэм и пщыхьэщхьэм архиепископ Феофилакт махуэшхуэ тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ Черкесск и Покров члисэм, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Нартов Александр и гъусэу. Пастыр нэхъыщхьэм тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, махуэшхуэ Инджылым къеджащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм дагъэ лъапIэм щыщ ящихуащ.

А махуэ дыдэм, Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я щоджэнхэм я гъусэу, Щоджэн нэхъыщхьэм Къэрэшей-Шэрджэсым и «Зелёный остров» зыгъэпсэхупIэ-нэгузыужь паркым щигъэнэхуащ Кубаныпсыр. ТхьэлъэIум махуэшхуэм къалэдэс куэд зэхуишэсащ. Абыхэм саугъэтхэр, шей пщтыр, щэнхабзэ программэ хуагъэхьэзыращ. ТхьэлъэIум и пэ къихуэу Щихънагъым къызэхуэсахэм захуигъэзащ. Махуэшхуэр щиухым хьэрэкIытIэхэр драгъэлъэтеящ.

2019 гъэм щIышылэм и 19-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиемрэ Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам псыр гъэнэхун къулыкъумрэ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. Литургие нэужьым Пастыр нэхъыщхьэм жиIащ махуэшхуэм теухуа узэщIыныгъэ псалъэ.

2684
Фотогалерея