Кардоникскэ станицэм атаманхэм я Совет щызэхэтащ

19.01.2019
Просмотры: 2030

2019 гъэм щIышылэм и 17-м Кардоникскэ станицэм щызэхэтащ Кубань къэзакъыдзэм и Баталпашинскэ къудамэм и атаманхэм я Советыр. Хабзэ зэрыхъуауэ советыр тхьэлъэIукIэ ирагъэжьащ. Ар иригъэкIуэкIащ къудамэм и щоджэн нэхъыжь Соколов Геннадий. Зэхыхьэм хэтахэм зэхалъхьэжащ 2018 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэр, цIыхубэ зыхъумэжыныгъэ, спорт лэжьыгъэхэм ехьэлIа Iуэхухэм теухуауэ зэф1ахынухэр яубзыхуащ. КъищынэмыщIауэ атаманхэм фэеплъ пэкIу къызэрагъэпэщащ, къэзакъхэр я щIыналъэм зэрырагъэкIрэ илъэсищэ зэрырикъум теухуауэ. Мыгъэрей пэкIу нэхъыщхьэр Къэрэшей-Шэрджэс республикэм и Преграднэ станицэм щрагъэкIуэкIынущ.

2030
Фотогалерея