Махуэшхуэ зэхыхьэхэр Кисловодски щекIуэкIащ

11.01.2019
Просмотры: 2409

2019 гъэм и Хъуромэ махуэхэр Кисловодск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам щекIуэкIащ икIи махуэшхуэ тхьэлъэIурэ гуфIэгъуэкIэ гъэнщIауэ щытащ.

Хъуромэм ирихьэлIэу члисэ зэхуэхьэсам и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн бынунагъуэшхуэ екIуэлIапIэм и нэIэ зытетхэм ехъуэхъуащ. Абы адэ-анэхэм фIыщIэ яхуищIащ чристэн хабзэхэр зэрахъумам папщIэ икIи дэтхэнэ зыми ахъшэ дэIэпыкъуныгъэ яхуищIащ, IэфIыкIэхэр щIыгъуу. А махуэм псом хуэмыдэу Землянскэхэрэ Курбан-Алиевхэрэ я бынунагъуэшхуэхэм я цIэ ираIуащ, сабиих-блы зыпIхэм, Гримайловхэрэ Хадиковхэрэ я унагъуэхэр щIыгъуу.

Махуэшхуэм, тхьэлъэIу литургие нэужьым, хабзэ зэрыхъуауэ, члисэ зэхуэхьэсам и утым Хъуромэ псапэ бэзэр къыщызэIуахащ, члисэ зэхуэхьэсам и екIуэлIапIэм игъэхьэзырауэ. Бэзэрыр къыщызэIуахым, унафэщIыр псоми махуэшхуэ гукъыдэж яIэну ехъуэхъуащ, къэблэгъа ИлъэсыщIэм Тхьэр къадэIэпыкъуну. Бэзэрым утыку къыщрахьащ творческэ хьэпшыпхэр, Чристэн гимназием и гъэсэнхэм, абыхэм я адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм ягъэхьэзырауэ. Куэду ягъэлъэгъуащ щыгъыныгъуэхэмрэ IэфIыкIэхэмрэ. Бэзэрым къыхэкIа ахъшэр хуэмыщIахэмрэ члисэм екIуалIэ хуэныкъуэхэмрэ иратынущ.

Балигъхэмрэ сабийхэмрэ псом хуэмыдэу ягъэгуфIащ псей щхъуантIэм деж щыт мэл цIыкIухэм. ЕкIуэлIапIэм кIуэхэм я саугъэт хъуащ Кисловодск къэзакъхэм я губгъуэ шхыныгъуэхэр. Гупыж зыщIахэр шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ, шейхэмкIэ, IэфIыкIэхэмкIэ ягъэхьэщIащ. Иоанн Кисловодск къэзакъ къалэ зэгухьэныгъэм и атаман Горинов Геннадийрэ абы и дэIэпыкъуэгъу Витрук Сергейрэ фIыщIэ хуащIащ псапэ зэралэжьам папщIэ.

Махуэшухэм «Свет небесного чуда» концерт программэмкIэ щыпащащ Курорт бульварым. Ар къызэIуихащ Кисловодск члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн. Ар Христос и хъуромэмкIэ ехъуэхъуащ, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и хъуэхъур ялъигъэIэсащ икIи ягу къигъэкIыжащ Христос и хъуромэр цIыхухэм я тхыдэм нэхъыщхьэ зэрыщыхъуар. «Тхьэр цIыху хъуащ, цIыхур Тхьэм хуэдэу и гупсысэкIэ, IуэхущIафэхэмкIэ, гъунэгъум хуиIэ лъагъуныгъэмкIэ къабзэ хъун папщIэ». Къызэхуэсахэм хъуэхъукIэ захуигъэзащ Кисловодск администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Загуменная Татьянэ.

Махуэшхуэ концертым хэтащ Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием и ансамбль Синявская Татьянэ зи унафэщIыр, Хъуромэ уэрэдхэмрэ «Москва златоглавая» уэрэдымрэ зыгъэзэщIахэр.

Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам мы махуэ лъапIэхэм ирихьэлIэу щыIащ ди къэралым и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ хьэщIэхэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэр. Члисэ зэухэхьэсам и хьэщIэ лъапIэ хъуащ «Ларго» Арт-гупым и уэрэджыIакIуэ Соколов Владимир. Владимир члисэм зыщиплъыхьа нэужь абы и унафэщIым фIыщIэ хуищIащ гуапэу зэрыригъэблэгъам папщIэ.

2019 гъэм щIышылэм и 9-м члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн нэхъыжь Чеканов Димитрий къалэм и роддомым щыIащ. Мы гъэм Христос и хъуромэм ирихьэлIэу Кисловодск сабий 12 къыщалъхуащ. Димитрий Тхьэ елъэIуащ сабийхэмрэ я адэ-анэхэмрэ узыншэну. ИужькIэ псоми махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ, адэ-анэхэм Тхьэр къадэIэпыкъуну я бынхэр ягъэсэнымкIэ икIи хъуромэ саугъэтхэр яритащ.

2409
Фотогалерея