Архиепископ Феофилакт ИлъэсыщIэ тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ

01.01.2019
Просмотры: 2620

2018 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум хэтыну къызэхуэсащ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ.

ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ТхьэлъэIу нэужьым архиепископ Феофилакт иригъэкIуэкIащ илъэсыщIэ тхьэлъэIур. Щихънагъым, члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм, екIуэлIапIэм кIуэхэм я гъусэу Тхьэм фIыщIэ хуащIащ блэкIа илъэсым папщIэ икIи Тхьэм илъэсыщIэр яхуэугъурлыну ехъуэхъуащ.

2620
Фотогалерея