Черкесск гимназием и гъэсэнхэр зыгъэпсэхугъуэхэм махуэшхуэм хуэдэу пежьащ

01.01.2019
Просмотры: 1846

Черкесск и Свято-Сергиевксэ гимназием 2018 гъэм и иужьрей еджэгъуэ махуэхэр щIэщыгъуэу, гъэщIэгъуэну ягъэкIуащ.

Япэ классым кIуэхэм Уае Дадэмрэ Уае Гуащэмрэ я хьэщIащ. НыбжьыщIэхэр абы пэплъащ, усэхэр ягъэхьэзыращ, уэрэдхэр зрагъэщIащ. ИлъэсыщIэ махуэшхуэм и лIыхъужь нэхъыщхьэхэр сабийхэм ядэджэгуащ, саугъэтхэр иратащ. 2 классым щIэсхэм я иужьрей дерсыр «Мастерская Деда Мороза» къыхуеджэныгъэм щIэту ирагъэкIуэкIащ. Сабийхэм щIымахуэ теплъэгъуэхэм я сурэтхэр ящIащ, илъэсым и дамыгъэр – кхъуэ сурэтыр ящIащ, псейр зэрагъэдахэ хьэпшыпхэр, цылъэпэдхэр ящIащ. ГуфIэгъуэ, гуапагъэ, зэныбжьэгъугъэ зэклассэгъухэм ядэплъагъурт.

3 классым щеджэхэм къащIащ ИлъэсыщIэр хамэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыщагъэлъапIэр, абыхэм я унагъуэ хабзэхэм тепсэлъыхьащ. Уае Дадэм хуэдэ лIыхъужьхэм зыхагъэгъуэзащ, куэдрэ джэгуащ, номерхэр къагъэлъэгъуащ, усакIуэу зыкъагъэлъэгъуащ, щIымахуэм теухуа усэ ятхащ.

4 классым щIэсхэр а махуэм щыIащ «Новогодние традиции в разных странах» зыплъыхьакIуэм. Сабийхэм я классэгъухэр хагъэгъуэзащ дуней псом и щIыналъэхэм я илъэсыщIэ хабзэхэм, къэхутэныгъэ ирагъэкIуэкIахэм иужькIэ къащIахэм. Дерс нэужьым еджакIуэхэм къахуэкIуащ Уае пащтыхь гуащэр. Абы и гъусэу сабийхэр джэгуащ, къэфащ, къуажэхьхэр къащIащ. Къэфа нэужь ныбжьыщIэхэм IэфIыкIэхэр иратащ.

Дэтхэнэ зы классми и иужьрей махуэр пыснщIэу ягъэкIуащ, гимназием и гъэсэнхэр зыр адрейм къэблагъэ ИлъэсыщIэмкIэ ехъуэхъуа нэужь, зыгъэпсэхуакIуэ кIуащ.

1846
Фотогалерея