Преграднэ станицэм ИлъэсыщIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ

29.12.2018
Просмотры: 2109

2018 гъэм дыгъэгъазэм и 26-м Преграднэ станицэм узыншагъэр щрагъэфIакIуэ и «Родина» физкультурнэ комплексым Урупскэ муниципальнэ районым и ДЮСШ-м IэпщэрыбанэмкIэ ИлъэсыщIэ зэхьэзэхуэ къызэригъэпэщащ, 2007 гъэм къалъхуа сабийхэм папщIэ.

Зэпеуэхэм хэтащ Урупскэ районым и къэзакъ зэгухьэныгъэм щыщ унагъуэхэм я сабииплI. Абыхэм дэтхэнэми фIыуэ зыкъагъэлъэгъуащ икIи саугъэтхэр къахьащ. Ар зи хьэлъагъыр килограмм 20 хъухэм я деж ещанэ щыхъуа Погребной Родион, зи хьэлъагъыр килограмм 25-рэ хъухэм я деж ещанэ увыпIэр зылъагъэса Спорышев Артём сымэщ. Ардыдэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ Войцеховский Михаил. Зи хьэлъагъыр килограмм 35-рэ хъухэм я деж щытекIуащ Кондратенкэ Наинэ. Ар щIалэ цIыкIухэм ебэнащ икIи псоми ятекIуащ.

2109
Фотогалерея