Красногорскэм щагъэлъэпIащ станицэм и махуэр

22.12.2018
Просмотры: 1942

2018 гъэм дыгъэгъазэм и 19-м, телъыджэ къэзыгъэхъу Николай и фэеплъ махуэм, Красногорскэ станицэм (КъШР) гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щекIуэкIащ, члисэм и махуэшхуэмрэ станицэм и махуэмрэ теухуауэ. Махуэшхуэ тхьэлъэIум члисэм щызэхуэсащ къуажэдэсхэр, къэзакъхэр, станицэм и хьэщIэхэр. ТхьэлъэIу литургиер махуэшхуэм ирихьэлIэу иригъэкIуэкIащ щоджэн нэхъыжь Петров Александр. Зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьым члисэм и унафэщIым екIуэлIапIэм кIуэхэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт станицэм и махуэмрэ пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ. Махуэшхуэр Iэнэ ягъэуври зэхуащIыжащ.

1942
Фотогалерея