Епархием и лIыкIуэр тепсэлъыхьащ Тхьэм хуиIэ дзыхьым

18.12.2018
Просмотры: 2067

2014 гъэм дыгъэгъазэм и 14-м жылагъуэм хуиIэ пыщIэныгъэмкIэ Урысейм и зэгухьэныгъэм иригъэблагъэри, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ епархием и пресс-секретарь щоджэн нэхъыжь Самохин Михаил хэтащ «IэщIагъэ – дзыхь» зэхыхьэм. Ар Москва щекIуэкIа «PR-м и махуэхэр» Iуэхум хыхьэу къызэрагъэпэщащ. Зэхуэсым хэтхэм IэщIагъих къыхагъэщащ, езыхэм къызэралъытэмкIэ, дзыхь нэхъ зрагъэзхэм ящыщу: егъэджакIуэ, дохутыр, щоджэн, альпинист, психолог, тренер. Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ тележурналистым. Щоджэным жылагъуэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэм яжриIащ цIыхумрэ Тхьэмрэ я зэхущытыкIэм дзыхьыр зэрилъабжьэр. ЗэIущIэм щыпащащ зэхуэсым и кулуархэм.

 

***

«Дни PR в Москве» фестивалыр къэралым и зэхыхьэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ, Public Relations урысейпсо къэхъугъэм щыщу щIэупщIэ нэхъ зиIэхэм ящыщу къалъытэу. Гъэ къэс абы Public Relations унэтIыныгъэм и цIыху пашэхэр щызэхуос, хъаыбарегъащIэмрэ маркетингымрэ, хьэрычэтыщIхэм, властым, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ящыщхэр Мы гъэм япэу фестивалыр траухуащ «Дзыхьым».

2067
Фотогалерея