ЩIалэгъуалэм яхутепсэлъыхьыпхъэщ щхьэхуитыныгъэмрэ жэуаплыныгъэмрэ

04.12.2018
Просмотры: 2974

2018 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м XXVII Дунейпсо Хъуромэ щIэныгъэ егъэджэныгъэхэм я щIыналъэ Iыхьэм хыхьэу мы темэмкIэ «Молодежь: свобода и ответственность» Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым щоджэным щыIущIам апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм хуэкIуащ: Хъуромэ парламент зэIущIэхэр щIыналъэхэм къыщызэрагъэпэщ Дунейпсо Хъуромэ егъэджэныгъэ къеджэныгъэхэм хыхьэу,

Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кириллрэ УФ-м и Iэтащхьэхэмрэ я жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщым.

«Апхуэдэ зэIущIэхэр хабзэ хъуауэ къызыдогъэпэщ. Нобэрейр теухуащ щIалэгъуалэм, абыхэм я дуней тетыкIэм, яхэлъ хабзэм, псэкупсэм», - къыхигъэщащ парламентым и унафэщI Егоровэ татьянэ, зэIущIэр къыщызэIуихым. «КъБР-м и Парламентым аргуэру зэхуишэсащ зи ныбжькIи IэщIагъэкIи, фIэщхъуныгъэкIи зэщхьэщыкI цIыхухэр», - къыхигъэщащ Егоровэ Т, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэмя архиепископ Феофилакт, КъБР-м ис Муслъымэхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим сымэ абы зэрыхэтыр къыхигъэщу. ЩIалэгъуалэм я IуэхущIафэхэмкIэ жэуаплыныгъэ зэрахьыр къыхигъэщу Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ псоми я Iуэху еплъыкIэхэм зэредэIуэныр, ахэр унафэ къыщащтэкIэ къызэралъытэнур, къызэрагъэсэбэпынур».

Псыхуабэ, черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ щхьэхуитыныгъэмрэ жэуаплыныгъэмрэ ехьэлIа Iуэхугъуэхэр щIалэгъуалэм я дежкIэ нэхъапэхэм зэращыщыр. «Ар нобэрей зэманми къэкIуэнуми я упщIэщ», - къыхигъэщащ архиепископ Феофилакт. «Щхьэхуитыныгъэм пщалъэ куэд иIэщ. Абы и гъунапкъэхэм ехьэлIауэ дызэдэуэфынущ, ауэ ар дэтхэнэ зы цIыхуми и хуитыныгъэщ, щхьэхуитыныгъэмкIэ Тхьэм дыпэгъунэгъущ», - къыхигъэщащ Щихънагъым. Абы дэщIыгъуу, Пастыр нэхъыщхьэм къыхигъэщащ жэуаплыныгъэм и мыхьэнэр.

Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэмя архиепископым къыхигъэщащ щхьэхуитыныгъэр хъумэным теухуа зэпсэлъэныгъэм нэхъыщхьэр парламентым и депутатхэр, Парламентым и щIалэгъуалэ палатэм щыщхэр, властым и лIыкIуэхэр, щIалэгъуалэр, жылагъуэр зыхэтырщ. «Псалъэ къудей мыхъуу, щхьэхуитыныгъэр хъумэным теухуа я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэхъуэжэн хуэдэу», - къыхигъэщащ Щоджэн нэхъыщхьэм» апхуэдэ утыку етIанэгъи къахузэгъэпэщмэ ар зэрыфIыр жиIэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэ зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ», - жиIащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.

КъБР-м ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим къыхигъэщащ зэгурыIуэм, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэм парламентым цIыхушхуэ зэрыщызэхуишэсар, зыщыщ лъэпкъми, зэрыт ныбжьми, динми емылъытауэ. «Тхьэм къыдитауэ дызыхэдэну гъуэгуанитI диIэщ: зым жэнэтым, адрейм жыхьэрмэм дыхуишэнущ», - къыхигъэщащ Сыжажэ Алим. ЦIыхур гъэунэхупIэм щихуэм деж, «Тхьэм хуиIэ шынэр – тезырым ехьэлIа шынагъэкъым», - жиIащ абы. «Дэ хуитыныгъэ диIэщ нэгъуэщIым и хуитыныгъэр къызэпыдмыудыхункIэ, ислъамым апхуэдэу къыщыхьащ», - къыхигъэщащ Сыжажэ Алим хуитыныгъэмрэ жэуаплыныгъэмрэ я гугъу щищIым.

ЗэIущIэм апхуэдэу къыщыпсэлъащ: КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан институтхэм ядэлэжьэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и Комитетым и унафэщI Пащты Борис, КъБР-м граждан жылагъуэ институтхэмрэ лъэпкъ Iуэхухэмрэ ядэлэжьэнымкIэ министрым и къуэдзэ Гергоков Джамбулэт, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Мокаев Ачемез, МВД-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ участковэ полицэм я IуэхущIафэхэмкIэ щыIэ щIыналъэ къудамэм и унафэщI Ащхъуэт аслъэн, Налшык къалэ округым и щIыпIэ самоуправленэм и депутат Шестирублёв Сергей, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и лIыкIуэу УФ-м и Федеральнэ зэхуэсым и Къэрал думэм и ЩIалэгъуалэ парламентым щыIэ Ащхъуэт Алинэ.

Щоджэнхэр, властыр, щIалэгъуалэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр зыхэта зэIущIэм КъБР-м и Парламентым яубзыхуа пIалъэм нэхъыбэрэ щекIуэкIащ.

2974
Фотогалерея