Май районым икIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр Свято-Троицкэ къулъшырыфым Тхьэ щелъэIуащ

04.11.2018
Просмотры: 2639

Мы махуэхэм Котляревскэ станицэм и Покров члисэмрэ Новоивановскэ къуажэм и Иоанно-Богословскэ члисэмрэ икIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр щыIащ Свято-Троицкэ цIыхубз къулъшырыфым (КъБР). ЩIыналъэ лъапIэм икIыу Тхьэ елъэIуну кIуахэр тхьэлъэIу литургием хэтащ. Ар иригъэкIуэкIащ щоджэн Арманов Николай. Щоджэн Бондарь Виталий гуэныхьхэр Iуэтэжыным и Щэхухэр иригъэкIуэкIащ. Литургие нэужьым умэхъын щIыным и щэхухэр иригъэкIуэкIащ. ТхьэлъэIу нэужьым фIэщхъуныгъэ зиIэхэр къулъшырыфым щылэжьащ. Абыхэм тыхь щIапIэр зэлъыIуахащ, нэхъыжьхэм Iэгъуэблагъэр зыхуей хуагъэзащ, шэджэгъуашхэ ягъэхьэзыращ. ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр Саровский Серафим и псыкъуийм щыIащ. ТхьэлъэIум хэта псоми гуфIэгъуэр я нэгум кърихырт. ХьэщIэхэм фIыщIэ хуащIащ унафэщI игумение Антоние (Бобылевэ), къулъшырыфыр зэгъэпэщыжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэрызэфIихым папщIэ.

2639
Фотогалерея