Щоджэныр хэтащ этнографие диктант иным

03.11.2018
Просмотры: 2515

2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м КъБР-м Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ и Лъэпкъ библиотекэм щекIуэкIащ «Этнографие диктант ин» дунейпсо узэщIыныгъэ Iуэхур. Абы хэтащ цIыхуищэм щIигъу. Абыхэм ящыщт къэрал властым и органхэм, интеллигенцэм, жылагъуэ, дин, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Iуэхур къызэригъэпэщащ КъБР-м граждан жылагъуэ институтхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ управленэр. Диктантым хэтащ Налшык къалэм щихъ Магдалинэ Марие и цIэр зезыхьэ и члисэ зэхуэхьэсам и клирик щоджэн Осипов Константин. Диктантыр зытххэм дакъикъэ 45-м къриубыдэу тест Iэмалым тету жэуап иратащ упщIэ 30-м, тхыдэм, щэнхабзэм, Урысейм и лъэпкъ хабзэхэм теухуахэм. Псори зэхэту балл 30 къахьыну Iэмал яIащ (жэуап пэж къэс балл 30).

Этнографие диктант иныр Урысейм и щIыналъэ куэдым, хамэ щIыпIэхэм щекIуэкIащ. А дунейпсо узэщIыныгъэ Iэухур лъэпкъ IуэхухэмкIэ Федеральнэ агенствэмрэ Удмуртием лъэпкъ политикэмкIэ и министерствэмрэ къызэрагъэпэщащ.

2515
Фотогалерея