Псыхуабэ и еджакIуэхэм папщIэ Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам Тхьэ щелъэIуащ

04.09.2018
Просмотры: 2466

2018 гъэм фокIадэм и 2-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ  Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам, члисэм и клирикхэм я гъусэу. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм къеджа нэужь Псыхуабэ щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ захуигъэзащ узэщIыныгъэкIэ члисэм щызэхуэсахэм. Псом хуэмыдэу члисэм тхьэмахуэм сабий куэд щызэхуэсат – цIыкIу дыдэхэм щыщIэдзауэ студентхэри яхэту. Литургие нэужьым архиепископ Феофилакт къалэпсо тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ гъэ еджэгъуэщIэр зэрырагъэжьэжам папщIэ. ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ я гъусэу Тхьэ елъэIуа нэужь щоджэн нэхъыщхьэм псы лъапIэм щыщ псоми ялъигъэIэсащ икIи дэтхэнэ зы еджакIуэми школ Iэмэпсымэхэр тыгъэ яхуищIащ.
Пастыр нэхъыщхьэм и псалъэм члисэ зэхуэхьэсам екIуалIэхэм я гъусэу щыпищащ ЩIалэгъуалэ центрым.

2466
Фотогалерея