Щоджэнхэр еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ щIэныгъэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ

04.09.2018
Просмотры: 3254

Псыхуабэ епархием и унафэщIхэр ЩIэныгъэм и махуэм школхэмрэ нэгъуэщI еджапIэхэмрэ кIуащ, егъэджакIуэхэмрэ гъэсэнхэмрэ ехъуэхъун, гъэ еджэгъуэщIэр къехъулIэну зыхуагъэзэн папщIэ.
Суворовскэ станицэм и школ №24-м щызэхуэса егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ фIэхъускIэ захуигъэзащ станицэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Верэ, Надеждэ, Любовь, абыхэм я анэ Софие и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман. Ар еджакIуэхэм ехъуэхъуащ гъэ еджэгъуэщIэмIкэ, узыншагъэ быдэ, шыIэныгъэ яIэну, еджэным ехъулIэныгъэ щызыIэрагъэхьэну.
Новоблагодарнэ къуажэм Тхьэм и Анэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Углов Сергий а махуэм ирагъэблэгъащ курыт еджапIэ №5-м. Щоджэныр еджакIуэхэмрэ егъэджэакIуэхэмрэ ехъуэхъуащ гъэ еджэгъуэщIэр зэрырагъэж ьамкIэ, Тхьэр къадэIэпыкъуну ехъуэхъуащ, я зэфIэкIым зрагъэужьынымкIэ. Члисэм тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ гъэ еджэгъуэщIэр зэрырагъэжьамкIэ.
ЕссэнтIыгу къалэм и Петропавловскэ члисэм и унафэщI щоджэн Гриценкэ Виталий къалэ школ №1-м и махуэшхуэм щыIащ. Щоджэным и къэпсэлъэныгъэр еджакIуэхэм ягу дыхьащ, языныкъуэхэм абы и гъусэу сурэт зытрагъэхащ. Минводы и Благовещенскэ члисэм и унафэщI щоджэн Поддубный Михаил, лицей №3-м и унафэщI Сальниковэ Еленэ иригъэблагъэри зэхыхьэм  къыщыпсэлъащ, ЩIэныгъэм и махуэм теухуам. Щоджэныр 5, 6, 7 , 8 классхэм яеджакIуэхэм епсэлъащ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм теухуауэ икIи лицейм тыгъэ хуищIащ Тхьэм и Анэм и «Прибавление ума» тхьэнапэр. А махуэ дыдэм Кавказ Ищхъэрэм и музыкэ колледж Сафоновым и цIэр
зезыхьэм махуэшхуэ концерт щекIуэкIащ, гъэ еджэгъуэщIэм теухуауэ. Щоджэныр еджакIуэхэмрэ студентхэмрэ ехъуэхъуащ, ехъулIэныгъэ яIэну. Колледжым унафэщIым иритащ пащтыхьымрэ псалм жызыIэу щыта Давидрэ я тхьэнапэхэр.

3254
Фотогалерея