Лермонтовым и пшыхьым Псыхуабэ и хьэщIэхэр игъэгуфIащ

17.08.2018
Просмотры: 2190

2018 гъэм и зи чэзу Лермонтовым и пшыхьыр къыщызэрагъэпэщащ Псыхуабэ и Соборнэ утым. Хабзэ хъуауэ ирагъэкIуэкI «Город мастеров» бэзэрым къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ ягу дыхьащ, IэпщIэлъапщIэхэм я саугъэт цIыкIуфэкIухэр зыхэплъэ щыIэтэкъым, пщыхьэщхьэ тхьэлъэIу нэужьым тхьэмахуэ пшыхьыр щIидзэри концерт гукъинэжкIэ пащащ.
Кавминводы и къалэхэм я артистхэм къызэхуэсахэм папщIэ ариехэмрэ романсхэмрэ ягъэзэщIащ, зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэр усэ къеджащ, конферансьем Лермонтов Михаил и гъащIэм щыщ хъыбархэр жиIэжащ. Къызэхуэсахэм фIэхъус ярихащ Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и клирик Вдовин Владимир. Абы къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ Успенскэ нэщIыр.
Уэлбанэ зэрыхъуами емылъытауэ, зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуахэм ягу ирихьащ программэр. Лермонтовым и иужьрей пшыхьыр Муромскхэ Пётррэ Февронийрэ я фэеплъ махуэм фокIадэм и 16-м Соборым деж щекIуэкIынущ. Ар сыхьэт 18-рэ дакъикъэ 30-м щIидзэнущ. Фыкъеблагъэ!

2190
Фотогалерея