Карачаевск ягу къыщагъэкIыжащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча щихъ Пантелеимон

10.08.2018
Просмотры: 2789

2018 гъэм шыщхьэуIум и 9-м, щихъ, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Пантелеимон и фэеплъ махуэм пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щрагъэкIуэкIащ Карачаевск къалэм и Пантелеимоновскэ члисэм.
ТхьэлъэIу литургиер ирагъэкIуэкIащ Черкесск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и ключарь щоджэн нэхъыжь Кузнецов Сергий, Карачаевск къалэм и Пантелеимоновскэ члисэм и унафэщI щоджэн Фоменкэ Сергий, Исправнэ станицэм и Михаило-Архангельскэ члисэм и унафэщI щоджэн Якушев Александр сымэ я гъусэу иригъэкIуэкIащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений. ТхьэлъэIу нэужьымрэ зэгъусэ тхьэлъэIумрэ зэфIэкIа нэужь щоджэнхэр фIэщхъуныгъэ зиIэхэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ. Пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм и гуфIэгъуэр фIэщхъуныгъэ зиIэхэм дагуэшыну къэкIуащ Горячеводскэ къэзакъ зэгухьэныгъэм и къэзакъхэр. Станицэм и къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Поматов Валерий Карачаевск къалэм къыщыхъуащ, Горячеводскэ къэзакъхэр
Пантелеимоновскэ члисэм щIыналъэ лъапIэм Тхьэ щелъэIуныр хабзэ хъуащ.
ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэм цIыхубэ ансамблыр здашащ, екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ хьэщIэхэмрэ я нэгу зезыгъэужьар, къэзакъ уэрэдхэр гум дыхьэу зыгъэзэщIар.

2789
Фотогалерея